Тайлэнд
| Тайлэнд Паштыхьей ราชอาณาจักรไทย | |||||
| |||||
| Къэрал уэрэд: «Пхленг чат» ( | |||||
| Щыхалъхьар | 1238 | ||||
| Нэхъышъхьэбзэр | таибзэ | ||||
| Къалэ нэхъышъхьэр | Бангкок | ||||
| Къалэ нэхъ инхэр | Бангкок | ||||
| ӀэнатӀэ хабзэр | Конституцэ паштыхьей | ||||
| Пэштыхь Премьер-министрыр | Prayut Chan-o-cha Prayut Chan-o-cha | ||||
| Диныр | буддэдин | ||||
| ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр | 49-нэ дунем 514 000 км² 0,4% | ||||
| Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2005) • Ӏувагъыр | 65 444 371 цӀыху (19-нэ) 126 цӀыху/км² | ||||
| ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$539.871 млн. $8,060 | ||||
| Сомыр (Валутэр) | ฿ бат (THB) | ||||
| Интернет-доменхэр | .th | ||||
| Телефон кодыр | +66 | ||||
| Зэманыгъуэхэр | +7 | ||||
Тайлэнд Пэштыхьей (сиам-бз.: ประเทศไทย, нэхъыщхьэцӀэу зэрихьар 1939 гъэм нэгъунэ — Сиам) — Азиэ ипшъэ къуэкӀыпӀэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Бангкок.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тайлэнд и шӀыпӀэр хы тӀыгуныкъуэ Индэкитаимрэ Мэлаккамрэ хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: къуэхьэпӀэм — Миянмам, ишъхъэрэм — Лаосым, ипшъэ-къуэкӀыпӀэм — Камбоджам, ипшъэм — Мэлайзиэм.
ШӀыпӀэр нэхъыбэм губгъу щыт, къушъхьэр къэралым и къуэхьэпӀэмрэ ишъхъэрэ лъэныкъуэмрэ хэтхэ.
Хьэйуар муссон субэкваторилым щыщ. Хьэйуам и шъхьэпэгъуэкӀэ къэралым илъэсым щэ хадэхэх яшъыр, абым пэмыкӀыу туризымымкӀэ Тайлэндыр илъэспсом тегъэпсыхьа.
И шӀым кӀэлъ — фӀамыкӀ, мывэрэ калий шыгъурэ, бдзапцӀэ, цинк джоуэ, дышъэ-дыжьынхэр, мышӀэхэр.
Къэралыр псыкӀэ бэгъуауэ щыт. Щэху океным идежь ӀухьэпӀэ иӀэ ишъхъэрэ лъэныкъуэ къэралым.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Иджырей тайлэндхэр къызхэкӀа лъэпкъыр Хъутейм и курыт шӀыпӀэхэм къикӀаху щыщахэ. 1238 гъэм къэрал Сукокай халъхьэр, яужым илъэсишъэрэ ныкъуэрэ текӀа яуж пэштыхьей Аютиям еубыдыр.
Аютия пэштыхьейм и зэманыгъуэр 1767 гъэм нэс екӀуэкӀа, яужым къэралыр бирманхэм яубыд.
1782 гъэм лъэпкъ Чакрихэр тохьэр, иджыри къыздынэсым тетыр ахэра.
XIX лъэхъэнэм Тайлэндым изакъуэ къэрал хуиту къанэр Ишъхъэрэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм. И политикэмкӀэ Тайлэндыр Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ я зэпэубыдыгъуэхэм теджэгухьурэ.
1939 гъэм нэс Тайлэндым Сиам цӀэуэ зэрихьа. ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Тайлэндым Японым и лъэныкъуэр диӀыгъауэ щыта.
Зауэ нэужым Тайлэндым дзэзыкъэӀэтыгъуэ бжыгъэ екӀуэкӀа, абыхэм яужым ӀэнатӀэм Ӏухьар дзэм и хунта.
1980 гъэм туризымыр зэфӀэувэн кӀедзэ къэралым.
Къэрал зэхэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тайлэндыр конституциэ пэштыхьей къэрал. Пэштыхьыр къэралым и тхьэмадэ, Чакри лъэпкъым щыщ, 1782 гъэм щыкӀэдзауэ тетхэр.
ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀу щытыр Лъэпкъэгъу Ассамблеэ зэхуэситӀу зэхэкӀыр. Тхьэмадэхэм я Зэхуэсым нэрыбгэ 500 хэт илъэсиплӀкӀэ хэххэр, Сенатым нэрыбгэ 200 хэт, пэштыхьым хихаху.
Мэхьчэмэм и нэхъышъхьэ ӀэнатӀэр — Мэхьчэмэ нэхъышъхьэ, абы и тхьэмадэхэр пэштыхьым хехыр.
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]2005 гъэмкӀэ къызарадзамкӀэ къэралым джылу дэсыр 65,4 млн. цӀыху. Тайлэндыр лъэпкъ быжэ зэхэс къэралу щыт. Лъэпкъ нэхъ иныр тайхэра джылэм и 80% мэхъухэр. Къушъхьэ лъэныкъуэхэм тайхэм и Ӏыхьлъыгъуэ хъууэ лъэпкъ бжыгъэхэр мэпсо. ЕтӀуану инагъкӀэ лъэпкъ дэсыр лаохэра. Абыхэм пэмыкӀыу диспорэ виетнамхэр, хъутхэр, кхмерхэр джоуэ дэс.
Къэралым и дин нэхъышъхьэр буддэныгъэ, абым пылъыр къэралым и 90%. ПэмыкӀыу дин щыӀэхэр: мыслъымэныгъэ (4,5%), чыристэныгъэ (1% нэхъри нэхъ макӀэ).
АдминистрациэмкӀэ и гуэшыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тайлэндыр унитар къэралу щыт, администрациэкӀэ провинциэ 75-кӀэ мэгуэчыр, я кӀуэцӀым куейкӀэ гуэчыжьху. Къэралым и къалэ нэхъышъхьэ Бангкокыр шъхьахут муниципал куейуэ къыхэгъэкӀа.
Дзэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]2002 гъэм, джэм шъауэ хэттэр нэрыбгэ 200 мину хъут. Дзэр зэргуэшыр — щӀызекӀуэдзэ, уэгу-зауэдзэ, хыдзэ джоуэ. Ӏэшым и нэхъыбэр НАТО-мрэ ДжРК-мрэ къыкӀагъэкӀахэм ящыщ.
| Тайлэнд Уикисурэтылъэм? |
Азиэм и къэралхэр |
|
|---|---|
| Къэралхэр | Азэрбиджан • Афганистэн • Бангладеш • Бахрейн • Бруней • Бутан • Виетнам • Ермэлы • Индиэ • Индонезиэ • Ирак • Исраэл • Ипшъэ Корей • Ишъхъэрэ Корей • Йемен • Йордан • Камбоджэ • Катар • Китай • Кипр • Къажэр • Къазахъстэн • Къыргъызстэн • Кувейт • КъуэхьэпӀэм Тимор • Лаос • Ливан • Малдивхэр • Миянмэ • Монгол • Мэлайзиэ • Непал • Оман • Пакистэн • Сауд Хьэрыпей • Сингапур • Таджыкыстэн • Тайлэнд • Туркменстэн • Тырку • Узбэчыстэн • Урысей • Филипинхэр • Хьарып Ӏэмирэт Зэгуэт • Хъырцей • Хъутей • Шам • Шри-Ланка • Япон |
| Дунейпсом къамылъыта къэралхэр | Апхъаз • Вазиристэн • Ипшъэ Осетиэ • Къушъхьа-Карабах республикэ • Тырку Республикэ Ишъхъэрэ Кипр • Палестинэ Къэрал • Хъутей Республикэ • Шан Къэрал |
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |